Читать книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс онлайн
ⅢУлэ джэдкъазыр игъэтӏысыжри, ӏэнэм пщыхьэщхьэшхэ къытригъэуващ, Жануэс еджащ, Майе къилъыхъуэурэ пщэфӏапӏэ цӏыкӏум къэсащ. Майе мыбыи щӏэстэкъым, щекӏуэкӏыр узыгъэщтэнщ: хьэжыгъэр зэбгрыпхъарэ дзыгъуэ вейр хэзу, джэдыкӏафэр зэбгрыдзарэ джэдыкӏэпс къудей имытыжу. Улэ и гур йокӏэзызыхь: «А си анэ, уэ сэ сыпхъумэну ухуеящ, ауэ си дежи къыщыувыӏэркъым мы ӏуэхур».
Дунейм, дэнэ щыӏэну Майе? Куэбжэр гъэбыдащ – дэкӏакъым. Хадэм сыт щищӏэн мы кӏыфӏым? Унэм и щӏыбагъ пэш щӏыӏэм щӏэсыну? Хьэуэ, хьэуэ… Зэанэзэпхъум пэплъэурэ еша Жануэс ӏэнэм къыпэрыкӏыжащ. Къелъагъу сабий имыгъуэтыжым игъэгужьея Улэр. Ар зыщылъыхъуа дыдэхэм иджы езыми зыщеплъыхь. Хадэм кӏуэнуи и фӏэщ хъуртэкъым, ауэ гузавэ хуэплъэу плъэну щихьэм, дыхьэшх макъ къызэхех. Ар дэнэ? Ар дауэ? Майе и макъым ещхьщ, унащхьэмкӏэ къоӏукӏ. Пкӏэунэм кӏыфӏым ису ара? Дауэ дэкӏуеифа, сытым щхьэкӏи дэкӏуея?
Улэ уэздыгъэнэфыр иӏыгъыу пкӏэунэм докӏуей – хъыджэбз цӏыкӏур тесщ, «кӏуркӏуркӏу» жиӏэу дыхьэшхыу кӏыфӏым хэсщ. Абы къыщхьэщыс жьынду хужьыр илъэгъуакъым гузавэр зытекӏуа Улэ, и пхъур къришэхыжащ.
Етӏуанэ махуэм Сырыхум и гупым щыщ щӏалэ цӏыкӏуищ къакӏуэри, джэдыкӏэмрэ хьэжыгъэмрэ яхьыжащ. Улэ хьэблэм дыхьэри джэдыкӏэ къыхихат, хьэжыгъэр, хъарзынэу, езым яӏэти, пэгунитӏым из ищӏыжащ. Майе къыхураша жьынду быным къуажэр зэщӏащтащ, зы хьэблэ къамыгъанэу зыдагуэшащ. Иджы, пщыхьэщхьэ хъуамэ, пкӏэунэ къэс жьынду къыщыджэрт. Жэщым дзыгъуэ ещэрт, жумэрэн ирихьэлӏэми, заусыгъуэджэнутэкъым, зы макъ имыщӏу напӏэзыпӏэм теуэрти къаубыдырт. Я пкъыр и пӏэм имыкӏыу я щхьэ хъуреишхуэ фӏэкӏэрэхъухьымрэ жэщми махуэми зэхуэдэу фӏыуэ зылъагъу я нэ жанымкӏэ яхуэшхыну дэнэкӏэ щыӏэри зэраӏэщӏэмыкӏынур уи фӏэщ ящӏт. Ахэр мэзми тыншу щыпсэуфынут, уеблэмэ бажэ, тхьэкӏумэкӏыхь шырхэмкӏэ загъэтхъэжыфынут, ауэ цӏыхум пэӏэщӏэ защӏыркъым – жэщ хъуамэ, я пщӏыхьэпӏэхэм зыхагъахуэурэ жейм хэтхэр къыхагъэщтыкӏыныр яфӏэфӏщи.
Уэгъур иӏыгът, дыгъэр нэхъ гуащӏэжу къепсырт, Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏыр иджыри зэ къащтэну ӏэбэри, зейм ягъуэтыжакъым. Апхуэдэ къэхъуныр лъэпкъым дежкӏэ напэтехыу къэнэжыртэкъым, ар икӏи гузэвэгъуэт. Зэрамыхъумэфам и нэлат къатехуэнкӏэ къэшынахэщ. Ар пхъуантэм къыщыдаха махуэм хэт сымэ щыпэкӏуа пщӏантӏэм? Зэрызыххэу ягу къагъэкӏыжырти, апхуэдэ зыщӏэфын хагъуатэртэкъым, Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏым дзыхь ищӏу еӏусэн абыхэм яхэттэкъым, ящӏэрт, еӏусэмэ, къазэрыхуэмыгъунур. Япэщӏыкӏэ псыхъуэмкӏэ къикӏа сабий дыгъэрыжьэ гупыр хабжэхатэкъым, ауэ я хьэблэм гурыщхъуэ зыхуащӏын щыхамыгъуатэм, абыхэмкӏэ мыгупсысэу хъуакъым. Ӏэфӏыкӏэр къахущӏэзыха нысащӏэр тӏэкӏу ядэуэршэрат гупми, абы ищӏэрт нэхъыщхьэу яхэтар зэры-Нуцэр, псыхъуэмкӏэ зэрыщыпсэур. Ар игу къинэжат щӏалэ цӏыкӏу и гугъар хъыджэбз цӏыкӏуу къызэрыщӏэкӏам щхьэкӏэ. Куэдрэт, къагъуэтащ, пкърыупщӏыхьащ. Къыпахар гъэщӏэгъуэнт: напэӏэлъэщӏыр сэ къэсщтакъым, ауэ здэщыӏэр сощӏэ.