Читать книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс онлайн
– Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, Сосрыкъуэ къэзыгъэщӏа, Сосрыкъуэ зэзышэлӏэжа, уэшх щхьэкӏэ дынолъэӏу! Уэшхым хуолӏэ щӏыр, къэкӏыгъэр, псэущхьэр, псыежэх игъущыкӏхэр, лъэкӏэ къэзыкӏухьхэри дамэкӏэ къэзылъэтыхьхэри. Уафэр пшагъуэм къегъэуфэбгъу, ар уэшхыу щӏым къытхуегъэхыж. Тщхьэщремыкӏ, тремыкӏыж, уэшхыу кърешхи псэ зыӏутми зыӏумытми егъэӏуэтэж!
Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, Сосрыкъуэ къэзыгъэщӏа, Сосрыкъуэ зэзышэлӏэжа, уэгъум дыщыхъумэ, гъейм дыкъегъэл!
Нанэр лъэӏуэху, пщӏантӏэм дэтхэм я ӏитӏыр уафэмкӏэ яшийрт, я ӏэгухэр ущӏауэ. Абыхэм якӏэлъыплъ сабийхэри, дырийпсырий хьэл яхэлъу умыщӏэжыну, зэи ямыӏа зыхэщӏэныгъэ гуэрым зэщӏиубыдауэ, мыхъейуэ зэхэтт, хьэнцэгуащэр зыӏыгъитӏыр я пашэу. Сабийхэм гу къалъитэри, нанэм и тхьэлъэӏум ахэри хибжащ:
– Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, дыгъэм десыж, гузэвэгъуэм кърихужьауэ сабийхэм хьэнцэгуащэ кърашэкӏ. Гущӏэгъу къытхуэщӏ, уэшх къыдэт, дыгъэӏуэтэж, Сосрыкъуэ и псэр къытхуогузавэри, гъэпсэхуж!
Напэӏэлъэщӏыр куэдрэ пхъуантэм къыдамых хьэпшып лъапӏэти, ар къыщыхъу махуэри нэхъ лъапӏэ хъурт. Иджы хуэдэу кӏыхьлӏыхьу уэшх къыщемышхам деж, цӏыхур мы унагъуэм къелъэӏуу щӏадзэт, Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏыр къыщӏрагъэхыу уэшх щхьэкӏэ тхьэ ирагъэлъэӏуну. Ӏуэхур уэгъум хуэкӏуэну къыгурыӏуа нэужьт ар унагъуэм ис цӏыхубз нэхъыжьым щигъэзащӏэр. Абы лъэӏукӏэ Тхьэм зызэрыхуигъазэм нэмыщӏ, езыми и ӏэпкълъэпкъкӏэ зыхищӏэн хуейт уэшх къытешхэурэ псыф хъуауэ, къыпыжыр щӏым телъэдэжу. Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏымкӏэ Тхьэ щелъэӏуакӏэ, зыми шэч къытрихьэртэкъым мынобэми, пщэдей уэшх къызэрешхынум. Зэтэкъым ар зэрагъэунэхуар. Хьэмэрэ Сосрыкъуэ и цӏэр къраӏуэмэ, тэджу лъэпкъым яӏэ хабзэр ягъэзэщӏэн зымыда нысэхэм къащыщӏар-щэ? А хабзэм пэув куэд лъэпкъым кърашэ нысэхэм къахэкӏтэкъым, ауэ къахэкӏа закъуэтӏакъуэми хэт и бзэр иубыдащ, хэт къеузри имыщӏэу сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Языхэзми зы дохутыр къеӏэзэфакъым, къеузыр къызыхэкӏар къахуэщӏэртэкъыми. Нэхъыжьхэм ягъэӏущурэ, зэрыкъуэншар жаӏэу гущӏэгъу къахуищӏыну Тхьэм елъэӏуа нэужьщ узыншэ щыхъужар. Ар зи нэгу щӏэкӏахэм я фӏэщ мэхъу напэӏэлъэщӏ гъуабжэм и къарур.