Читать книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс онлайн
– Уэ сыт узыхуейр, и? Кӏуэж, уи гъусэхэр кӏуэжащ куэд щӏауэ! Укъалъыхъуэ хъунщ, хьэблэр зэхыхьауэ!
Фыз гъур кӏыхьым и пэш къыщӏыхьи и кӏии зы ищӏащ:
– Уэ дапщэрэ бжесӏа щӏалэжь цӏыкӏухэм уахэмыхьэну? Пхуэфащэщ, укъаукӏау арамэ!
– Сэ зыми сиукӏыфынукъым! Мыр сыщӏэпхъуауэ сыжэрэ пэт, сылъэпэрапэри мывэм зэгуиудауэ аращ.
Сырыхур… хъыджэбз цӏыкӏут!
– Пэж мыбы жиӏэр? – сырыхум и анэ сырыхубзэр Майе къеплъащ – Уэ дэнэ езыр укъыздикӏар?
– Псалъэркъым ар! – Сырыху гуфӏэу и анэм хъыбар ирегъащӏэ, я «хьэщӏэр» езым и ныбжьми, и зэфӏэкӏыр куэдкӏэ зэрынэхъ мащӏэр и гуапэу.
– Сабий бзагуэ мы ӏэшэлъашэм ису зэхэсхакъым… – цӏыхубзыр гъуэнэгъубзэу бгъэдыхьауэ Майе зэпеплъыхь.
– Хэт уи цӏэр?
– Тэру Пагуэ ипхъу… – Майе и цӏэр жимыӏэу, и адэм и цӏэ-унагъуэцӏэр жиӏащ – ирагъэсат, гъуащэ хъумэ, апхуэдэу жиӏэну.
– Ыхьыы, – фыз гъурыр икӏуэтыжащ. Щӏыбагъ пэшымкӏэ щӏэплъэри зыгуэрым жриӏащ:
– Хьэщӏэ диӏэщ.
– Хэт? – къэӏуащ цӏыхубз макъ.
– Пагуэ и пхъур.
– Пагуэжьми?! Мыбы нэс хэт къэзышар?
– Езыр къэкӏуащ.
– Езыр цӏыкӏукъэ?
– Цӏыкӏукӏэ цӏыкӏукъым, ди Нуцэ хуэдизщ…
– Щӏэгъэкӏыж, къэкӏуамэ! А ӏеижьым и зэранщ уи адэр зыдэса хьэблэм дамыгъэхьэжу мы псыхъуэм дыкъызэрыдэтӏысхьар.
– И закъуэу кӏуэжыфыну си фӏэщ хъуркъым.
– Нуцэ егъэшэж.
– Нуцэ!
Нуцэр унэм щӏэпкӏыжри бзэхащ. Майе щӏыбагъ пэшымкӏэ щӏыхьэри пӏэкум ис фызыжь нащхъуэм и пащхьэм иуващ…
– Сыт укъыщӏызэплъыр? Хьэм укъихуа мыбы нэс? – фызыжьыр антыхэбзэкӏэ шхыдэурэ, нэмыцэбзэм тохьэж, Майе зэхих бзэ мыцӏыхум и тхьэкӏумэр тегъэхуауэ йодаӏуэ, фӏэгъэщӏэгъуэнщ. Фызыжьыр антыхэбзэм тохьэж: – Уи анэр дахэщ, уэ абы зыкӏи урещхькъым…
– Зыкӏи урещхькъым… – Майе зэхихар жеӏэж, фызыжьым и къэпсэлъыкӏэм зыпищӏыжурэ.
– Уи ӏуэху тэмэму пӏэрэ уэ ӏейм? – фызыжьым и нитӏыр къытриубыдауэ къыздеплъым, Майе абы нэхъри бгъэдокӏуатэри, и щхьэр и куэщӏым ирелъхьэ. Фызыжьым хуэмурэ и ӏэ ижьыр къеӏэтри, Майе и щхьэм къыделъэ.
– Мыр сыт? Уешауэ ара? Къакӏуэ-тӏэ, зыгъэпсэху.
Майе гъуэлъыпӏэм допщейри фызыжь нащхъуэм бгъэдотӏысхьэ. Унэжь цӏыкӏум щопсэу зэрылъхузэрыпӏ цӏыхубзищыр: анэшхуэр, и пхъур, и пхъурылъхур. Нэхъ тхьэмыщкӏэу къуажэм дэс унагъуэхэм ящыщщ. Я лӏыжьыр зэрылӏэрэ зыкъом щӏащ. Жэм закъуэ яӏэти, яхуэмыгъашхэу ящэжащ. Гъунэгъухэри зэхуэдэу къахущыткъым. Хэти къадоӏэпыкъу, хэти «нэмыцэщылъхущ» жаӏэри, ӏумпэм къащӏ. Я лӏыжьыр зауэм щыгъуэ нэмыцэм ящӏыгъуу дэкӏри, ӏэджэ дэкӏауэ къигъэзэжащ, нэмыцэ фызрэ хъыджэбз цӏыкӏурэ щӏыгъуу. Фызым и цӏэр Ребеккэт, и лӏыр Бэкэкӏэ еджэрт. Пагуэ балигъыпӏэ иуват абы щыгъуи, нэмыцэм ягуэтар къуажэм къыдагъэтӏысхьэж мыхъуну псалъэмакъ къиӏэтащ. Бзэгу ихьу и адэр нэмыцэм езыгъэубыдар а лӏыр арауэ зэхихат. Арщхьэкӏэ, гущӏэгъу зыхэлъ я къуажэгъухэм къахэкӏри, унагъуэм къащхьэщыжу къэуващ. Хьэблэ зыдэсам дэтӏысхьэжу къыхуамыда щхьэкӏэ, псыхъуэм деж щӏы кӏапэ къыщратащ. Унэ щхьэгуэжь цӏыкӏу ирищӏыхьри щыпсэуащ лӏэжыху. Нэмыцэ фызым антыхэбзэ зригъэщӏащ. Унэгъащӏэу къабгъурысхэм абы Нащхъуэ къыфӏащащ. Бзэгуцэмрэ нэмыцэмрэ я пхъур пасэу дэкӏуэри къикӏыжат, хъыджэбз цӏыкӏу щӏэсу. Нуцэ илъэсищ щыхъум, бзэгуцэр Бахъэсэныжь итхьэлащ, и хьэдэр ерагъыу къагъуэтыжри щӏалъхьэжащ. Нащхъуэ и лӏыр макъкӏэ игъеятэкъыми, «зэрынэмыцэ дыдэ» жаӏащ гъунэгъу фызхэм, «гу быдэ» кърагъэкӏыу. Абы ипэкӏэ зэм Нащхъуэ, зэм нэмыцэ жаӏэу щытати, Нащхъуэ цӏэр «трахыжри», нэмыцэ къудейкӏэ еджэ хъуащ. И пхъум зэреджэр «нэмыцэм ипхъу» е «нэмыцэм къилъхуа».