Читать книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс онлайн
– Къеблагъэ, Хьирэт.
Джэдум хущхьэнэпцӏ зещӏ – укӏытафэ зытригъэуэнущ иджыпсту. Джэду гъуабжэр мэбзэхыж, Хьирэт къоунэху, къызэфӏоувэри, нартыху цӏынэр зэлъыӏуигъэкӏуэту, къыкӏуэцӏрокӏ.
– Уэ щхьэкӏэ сыгузавэри сыкъекӏуэкӏащ.
– Зым щхьэкӏи угузавэкъым, укъызоплъакӏуэ, сыгъыу сыщысмэ къэпщӏэну. Сытуи умыужэгъурэ мы джэду сэфэтыр? Хьэм уашхамэ, арат пхуэфащэр.
– Сыту уӏей… Уэсщӏаӏа апхуэдэу укъысхущытыну? Майе ӏурылъ си быдзышэми уи гур нэхъ щабэ ищӏакъым.
– Жэмыщӏэ къуатай абы щхьэкӏэ.
– Ар Пагуэщ зи тыгъэр, уэ уи нэщхъыр схузэхэпхамэ, нэхъыбэ сыхуейтэкъым.
– Сэращ уэ уэршэрэгъуу уиӏэххэр.
– Тхьэ, мызыгъуэгукӏэ зы гукъеуи пхуэзмыщӏ, уринэщхъеину пхурикъунщ уи ӏуэхур.
– Пагуэ Тӏыаузым зэрыдэкӏуеям щхьэкӏэ сынэщхъей уи гугъэу аращ. Щайуэ къиздзэркъым.
– Татианэ хуэзэмэ-щэ?
– Хуэзэнщ-тӏэ, и пхъур имылъагъуу къехыжынукъым ар абы.
– Си пхъур слъагъунущ жиӏэрэ урысым и ӏэплӏэ щабэшхуэм илъу нэху къекӏмэ-щэ?
Улэ погуфӏыкӏ. Хьирэт зыхуеяр къызэремыхъулӏар къыгуроӏуэж – Улэ урыс фызыр къридзэркъым, ар езым нэхъри Пагуэ нэхъри фӏыуэ нэхъыжьщ. Арауэ пӏэрэ къыщӏримыдзэр, хьэмэрэ и лӏыр фӏыуэ имылъагъуххэрэ?
– Пагуэ абы щӏэкӏуэрейр и анэр къишэжыну аращ.
– Уэ уи гуащэм узэрыфӏэнар къуажэм теӏуащ.
– Уэ сыдэпхьащи.
– Гуэныхь къыумыхь, зы псалъэ жызмыӏа! Укъызэрашэрэ уи фӏыцӏэ фӏэкӏ къызжьэдэмыкӏа. Майещи, си быным хуэдэу фӏыуэ слъагъуркъэ? Зэрымыпсалъэм щхьэкӏэ си гур хупехри, слъэкӏарэт, зыгуэр зэрыхуэсщӏэну.
– Си сабийм зыгуэр и лажьэу къуажэм дэпхьэмэ, зэи дызэкӏэлъихьэжынукъым уэрэ сэрэ.
– Мыр сыт, мыр сыт? Уи фӏэщи, нысащӏэ!
– Майе узэрыӏуплъа щӏыкӏэр зыщыгъэгъупщэ.
– Сэ слъагъу псор сӏуэтэжу сыдэмыт… Къытехьэ зиӏи щыӏэщ, хъужынщ е ӏэзэ хъунщи тӏысыжынщ. Мо зэ и ныбжь нэгъэс.
– Ӏэзи хъунукъым, и адэми ар идэнукъым! Игъэхъужыну дохутыр къыхуелъыхъуэ…
– Хъужынщ-тӏэ, хъужын, уи гугъэр хыумых. Ӏэмал зимыӏэ щыӏэкъым… Ӏэмал зимыӏэ щыӏэкъым. Ауэ… анэращ… уэращ псори зэлъытар. Уэ езым уощӏэ ар.
– Сэ сытри сщӏэнущ Майе щхьэкӏэ.
– Пэжуи? Нтӏэ пхузэфӏэкӏынущ уэ абы и лажьэр тебгъэкӏуэтыну. Утегушхуэмэ…