Читать книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс онлайн
– Сыт сызытегушхуэн хуейр?
– Накӏуэ ныжэбэ си гъусэу, уи закъуэ щӏыкӏэ, къэпщӏэнщ.
– Уэ гъуэгу щӏагъуэ хэпшыну си гум жимыӏэ…
– Сытри сщӏэнущ жызыӏам ар и псалъэ?
– Жыжьэ сыпшэну?
– Умыгузавэ, а уи вакъэ лъэдакъэ лъагэм теувэ ухуеймэ – уи лъэр щӏым нэсынукъым… Унэбжэр дамэдазэу къэгъанэ. Жэщ ныкъуэр зэхудипӏалъэщ, жыпӏам утетынумэ.
Хьирэт щӏым зрегъэхуэхри, джэду гъуабжэу нартыху хьэсэм хохьэж.
Улэ и жумэрэн ещэныр къиухащи, пэгун нэщӏитӏыр иӏыгъыу хадэм къокӏыж.
Жануэс ӏэщӏэлъ нэмэз щыгъэр игу къокӏыж, и щхьэм щызеуэ гупсысэ къомыр ирегъэкӏуэтэкӏри, духьэм пещэ. Зэуэ и ӏэпэр зыгуэрым псыф къищӏу, къыкӏэрыпщӏэу гу лъетэ. Пшапэ зэхэуэгъуэщи, хуиту илъагъуркъым зищӏысыр, ауэ нэмэз щыгъэм зыгуэр кӏэрылъщ, и ӏэпэм йоплъыжри – мыр сыт? Лъым къриӏам хуэдэщ. Тобэ, тобэ, сыт къэхъуар? Зыгуэр къыщӏохьэж…
– Пагуэ, уэра ар? Уэздыгъэр пыгъанэт! Сыту фӏыщэу къэбгъэзэжа. Майе дэнэ щыӏэ? Ар дауэ? И закъуэ щхьэ къэбгъэна?! Майе къэдгъэщтэжи, дыгъэкӏуэж, дегъэхыж къуажэм!
…Майе Татианэ и псысэм дихьэхауэ йодаӏуэ. Ритэ лъэныкъуэкӏэ къыщысщ, къедаӏуэ-къемыдаӏуэу икӏи ӏумыкӏуэту – и анэр мо ӏейм къыхуигъэнэну игу техуэркъым. Псысэри кӏыхьщ, Татианэ ар къыздиӏуатэм Майе кӏэлъоплъ – и нитӏым щӏоплъэ, и ӏупэ цӏыкӏухэр зэрыпӏэжьажьэм гу лъетэ. Сыт мыбы и лажьэ дыдэр? Псалъэркъым. Абы щхьэусыгъуэ гуэр иӏэщ. Ар зы. Абы нэмыщӏкӏи сыту пӏэрэ и лажьэр? Тхылъ щеджэфкӏэ, губзыгъэщ хужыпӏэнущ, ауэ тхылъыр зэхуищӏыжамэ – апхуэдэжкъым… «Щӏыӏэм уисрэ, си пщащэ? Щӏыӏэм уисрэ, си дахэ? – Хьэуэ, дадэ, сискъым, сискъым. – Щӏыӏэ Дадэр нэхъри къыбгъэдокӏуатэ хъыджэбз цӏыкӏум. – Иджы-щэ? Иджыри щӏыӏэм уисыркъэ? – Хьэуэ, дадэ».
Татианэ и макъыр зэм гъум ищӏу, зэми хъыджэбз цӏыкӏум ещхьу, и ӏупэ ӏувхэмрэ и бзэгумрэ псалъэхэр хуиту къыжьэдэхуу, къепсэлъ, Майе къызэфӏоувэри и ӏэ лъэныкъуэр цӏыхубзышхуэм и бгъэм пэщӏегъэувэ:
– Щӏыкъатиблым…
Татианэ антыхэбзэ къыгурыӏуэркъым. Майе и макъым къызэрикӏкӏэ мэкӏий. Ритэ къэщтауэ магъ.
– Щӏэгъэкӏ мыр, егъэшэж и анэм деж!
Майе урысыбзэм тохьэ:
– Сэ зыри си лажьэкъым. Псори сэр щхьэкӏэ мэгузавэ, ауэ сэ зыри си лажьэкъым.