Читать книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс онлайн
Мыцӏыху ещӏ. Зыми хуэкӏуэнукъым. Садым здэщыӏэм махуэ псом гупым щыхэмыхьэ щыӏэщ. И анэр зыкӏи хэмызэгъэжу мэхъури, къыкӏэщӏэсшурэ, сэ тызогъэуж. Нтӏэ, сабийр езыр псалъэркъым жыпӏэу, уемыпсэлъэххэну ара? Сепсэлъащ, таурыхъыу къысхуэщӏэжу хъуари жесӏащ. Псори фӏэфӏщ, дымауэ къодэӏуэнущ, уемышу жеӏэ къудей… Иныжь, Благъуэ, Уд фызыжь – ӏэджи мэхъу псысэм хэтхэр. Мэз щӏагъ, псы щӏагъ, щӏы щӏагъ – ӏэджэми къыщохутэ ахэр. Щӏыкъатиблри хэтыжу… Псысэращ игу нэхъ ириубыдэр – сабийщ-тӏэ. Абы зыри пхуещӏэжынукъым – зэхихар зэхихащ. «Щӏыкъатибл» жиӏэу къыхуашэжащ нобэ, жеӏэри жеӏэ…
Езыр къыщӏежэжьа псалъэмакъыр къызэрыкӏар Благъуэрат. Садым щыӏэ сабийхэр Благъуэм щигъэшынауэ къытралъхьащ. Абы зыри хуэгъэшынэнукъым, апхуэдэкъымищытыкӏэр, сытпцӏыкъыщӏытралъхьар? Ули ар и фӏэщ хъуауэ къысхуэкӏуэжащ. Сэ сыбгъэкъуаншэмэ, нэхъ тыншкъэ?
Ар псори зэфӏэкӏащ. Иджы Майе теудахэри иӏэу хамэ фызым деж ишэн хуеякъым. Дохутыр къеплъакӏэт абы, хуей хъумэ, иджыри къеплъынут.
Еууей, Пагуэ, Пагуэ. Зы къуэ уимыӏэ, пхъуитӏ уиӏэщи, зыр лъэпкъым хэсыххэкъым, адрейр зэрыхъунур Алыхьым ещӏэ, ауэ зэкӏэ гузэвэгъуэм ухимыгъэкӏ. Дауэ зэрыхъунур си щӏалэ задэшхуэр? Хэбэкъукӏыу, и щхьэр гъэкӏауэ зокӏуэ, зимыгъэщхъыу унэм къыщӏыхьэ хъуркъым, бжащхьэм жьэхэуэнущи. И бжьыфӏагъым хуэдэ и насыпри хъужамэ, сехъулӏати. Щӏалэжь цӏыкӏуу и нэгу щӏэкӏар къешынэуэжауэ арауэ пӏэрэ и сабийр апхуэдэу щӏэхъуар? Абы и пэжыпӏэр къыбжезыӏэн ӏэзи дохутыри щымыӏэ хъун…
Жануэс и унэжьри и хадэри игу къэкӏащ. Нысэми зыхуигъэгусэжыркъым. Ари анэщ – и быным щхьэкӏэ гузавэрти псэлъащ. Щӏегъуэжауи къыщӏэкӏынщ. Дяпэкӏэ езы Жануэси хъыджэбз цӏыкӏум псысэ жриӏэнкъым, щымыхъунукӏэ, сыт абы хэлъыр? Фӏэфӏми, хуэмурэ щыужынщ.
ⅣУлэ хадэм ихьэри нартыхумкӏэ хыхьати, жумэрэныгъуэ къилъэгъуащ. Иджы пэгункӏэ псы ихьурэ гъуэмирекӏэ. Жумэрэнкъижмэ, ирищӏэнурищӏэркъым, ауэ сытми псы ехь. Ари уэрамым нэс кърихыурэ. Иджыри къэс пщӏантӏэм псы къыдригъэшакъым Пагуэ. Куэд мэхъу ар зыхунэмыс унагъуэ ӏуэхухэр. Псы пэгунышхуитӏыр гъуэм иригъэлъэдауэ нартыхум къыздыхэкӏыжым джэду къелъагъу. Улэ ар къецӏыхужри, ауан ищӏу йопсалъэ.