Читать книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс онлайн
– Къэбдыгъуауэ аращи, къыдэтыж! Мылицэм уедгъэшэнщ! – къытракъузэрт хъыджэбз сырыхум. Нуцэ и нэхэр щӏригъэлъафэурэ къажриӏащ:
– Сыгужьеймэ, сагъэшынэмэ, си щхьэм илъыр йохужри псори сщогъупщэж, мылицэм севгъашэмэ фи хъыдан тӏэкӏур здэщыӏэр сщыгъупщэжынущ. Абы щыгъуэм, фыпыкӏащ.
Балигъхэм яфӏ зыкърашэжащ, сабийм дахэкӏэ напэӏэлъэщӏыр къыӏэщӏэгъэкӏыжын хуейщ, лъэпкъым ди напэр темыкӏ щӏыкӏэ, жаӏэри.
Дахэ защӏэкӏэ щепсалъэм, ӏуэхур апхуэдэу тыншу зэрызэфӏэмыкӏынур къажриӏащ. Къалъыхъуэр къагъуэтыжын папщӏэ, и анэшхуэм фӏадыгъуа ӏэрыгъадэ маршынэм и пӏэкӏэ лъакъуэрыгъадэ къыхуащэхужын хуейщ. Нуцэ псэлъэкӏэ къызэкъуихат:
– Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏым езым зыффӏигъэкӏуэдауэ аращ, лей зытехьэм фыкъыщхьэщыжыртэкъыми. Нанэ и ӏэрыгъадэр зыдыгъуар зэрыкъуажэу ящӏэрти, зыми жиӏакъым къритыжын хуейуэ. Иджы сэ шхын щхьа солъаӏуэри сыдэтщ.
Нуцэ и гуныкъуэгъуэр Къудан хьэблэ къикӏахэм я щхьэ хуахьакъым, ауэ яфӏэкӏуэдар къаӏэрыхьэжыныр ӏэмалыншэти, сыт ящӏэнт, къащэхуащ лъакъуэрыгъадэ маршынэр. Нуци и гуращэр къехъулӏати, маршынэр къэзышахэм яжриӏащ:
– Напэӏэлъэщӏыр езыр нэкӏуэжащ, фи ду щӏагъым щӏэлъщи, къэфщтэж, дзыгъуэм ямышх щӏыкӏэ.
Майе и жьынду быным къуажэм зы дзыгъуи къыданатэкъым, хъыдан кӏапэр абыхэм яшхынкӏэ шынагъуэ щымыӏэми, и пӏэм илъыжмэ нэхъыфӏт – уэшх занщӏэу къыщӏемышхар арат, напэӏэлъэщӏыр здэщымылъыпхъэ щылът, зыхъумэн хуеяхэр теплъэкъукӏат. Иджы ари зыдэлъа пхъуантэм дагъэзэгъэжащ, гукъеуэ зиӏа сабий мэжэщӏалӏэми и гур псэхужащ. А жэщ дыдэм уэшх къешхащ, зимыгъэнщӏыжу щӏыр жэщищ-махуищкӏэ ефащ уэшхыпсым. Жэщищми Майе и пэм лъырэ шынрэ къыщиудурэ къижащ. Лъыр плъыжьу къыщижым, уэшхыпсыр гъуабжафэт, итӏанэ уэшхыпсыр плъыжь хъурти, пэм къижыр гъуабжэ хъурт. Ауэ апхуэдэ щекӏуэкӏыр Жануэс и пщӏыхьэпӏэрат, жэщищми къытригъэзэжурэ. Жьынду хужьыр пщӏыхьэпӏэм къыхыхьэу зэпиудыху аращ нанэр зэпщӏыхьар…
…Къыкӏэлъыкӏуэ гъэмахуэм зи еджапӏэ щӏэтӏысхьэгъуэхэр хатхыкӏыу къыдыхьати, Майе егъэджакӏуэ хъыджэбзитӏым ябгъэдэлъэдащ:
– Сэри сынэкӏуэнущ еджапӏэм!
– Илъэс дапщэ узэрыхъур?